Сэ уэ узэрыслъагъурэ
Уи мафIэм сэ сесыр,
Согъыри соукIытэ
Сымыгъщи сызэгоуыд,
Мы дунеижьышхуэм
Жэгъуэгъуэ щызикуэд,
Сэ си дуней, еу мыгъуэ сыунэхъужа мыгъуи сэ!
Уи шыгъуэ цIыкIури
КIэбдзкIэрэ уогъатхъуэри,
Уи лъагъуныгъэми
(Уэ) сигъэтхъуа мыгъуи сэ,
Жагъуэгъуыр зи мащIэм
Сыту и насыпт,
Си дахэкIей, си гущхьэр къытебэгэ мыгъуи сэ!
Мо ди Iуащхьэжьыми
Дыгъэр кIэредзэри,
Сигу къыщыридзэкIэ
МафIэр къысщIонэ мыгъуэ сэ,
Лъагъуныгъэ мафIэр
Сыту къарууф1эт,
Сэ си дуней, яжьэ сыхъури сылъалъэжа мыгъуи сэ!
Бжьэмий еще тексты
Оценка текста
Статистика страницы на pesni.guru ▼
Просмотров сегодня: 1